الوصف
مقالة مترجمة إلى اللغة الشركسية، تبين أن الحساب يوم القيامة هو أن يوقف الله عباده بين يديه ويعرفهم بأعمالهم التي عملوها، ثم يجازيهم حسب أعمالهم، فإذا تم الحساب كان بعده وزن الأعمال بميزان حقيقي له كفتان.
Лъытэнымрэ
Тэрэзэмрэ
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
الحساب والميزان
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Лъытэнымрэ тэрэзэмрэ
- Лъытэныр: Алыхьым и пащхьэм и пщыл1хэр иригъэувэу ящ1а лэжьыгъэхэр яригъэщ1эжынырщ, ит1анэ а ящ1ахэм хуэфащэр яритынырщ. Ф1ым хуэфащэм хуэдизу пщ1ым щегъэжьауэ щиблым нэсыху, абым нэхъри нэхъыбэжи. 1ейм хуэфащэм хуэдиз.
- Тхылъхэр зэращтэнур: Щыту хъуам я тхылъхэр иратыжынущ, абым итынущ ф1ыуи 1ейуи ящ1ар. Зыгуэрхэм я тхылъхэр ижьымк1э иратынущ, ахэр гуф1энущ. Нэгъуэщ1хэм я тхылъхэр сэмэгумк1э е ящ1ыбымк1э иратынущ, ахэр нэщхъейхэщ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уэ ц1ыху! Гугъу уехьурэ уи Тхьэм и пащхьэ уихьэжынущ. Зи тхылъыр 1э ижьк1э къе1ызыхыжым и 1уэхур тынш хъунурэ гуф1эу и 1ыхьлым яхыхьэжынущ. Мыдрейуэ зи тхылъыр щ1ыбагъымк1э къызыратыжым л1эныгъэр нэхъ къищтэнт: ар маф1эм исынущ». (Аль-Иншикъакъ: 6-12).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Мыдрейуэ тхылъыр зи 1э сэмэгум къы1эщ1алъхьэжынум жи1энущ: «Еууей, мы си тхылъыр къызамытыжамэ аратэкъэ! Абы итри сымыщ1амэ аратэкъэ! Еууей, хьэдэу сыкъэнэжамэ аратэкъэ!» (Аль-Хьакъэ: 25-27).
- Тэрэзэхэр зэрагъэувынур:
Къемэт махуэм тэрэзэхэр ягъэувынущ псэ зы1уту хъуар ялъытэным папщ1э. Ц1ыхухэр зэк1элъхьэужьу здалъытэм ек1уэл1энущ, ит1анэ я Тхьэм я унафэр ищ1энущ, ик1и я 1уэхухэм щ1эупщ1энущ. Лъытэныр зэф1эк1а иужьк1э 1уэхухэр яшэчынущ, ар тэрэзэ пэж дыдэщ, шынакъит1ри и1эщ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Къемэт махуэм Дэ тэрэзэ щыпкъэхэр дгъэувынущ, зы псэми зык1и декъуэншэк1ынукъым, ар (псапэри, гуэныхьри) хьэдзэ нэхъ мыхъуми тетлъхьэнущ. Ирокъур Дэ зэрытлъытэр». (Аль-1энбия1: 47).
2 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абдежым зи тэрэзэр нэхъ хьэлъэм псэуп1эф1ыр къылъысыщ. Мыдрей зи тэрэзэр нэхъ псынщ1эр жэхьэнэмэм хэхуэнущ. Ар зыщыщыр пщ1эрэ? Ар маф1э гуащ1эращ». (Аль-Къаригьэ: 6-11).
3 – Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу зэхэсхащ: «Къемэт махуэм му1миныр и Тхьэ Лъап1эу Лъагэм ек1уэл1энущ игъэпщк1уху, ит1анэ гуэныхь ищ1ахэр иригъэщ1эжынущ. Жи1энущ: «Пщ1эрэ?» Жи1энущ: «Нт1э си Тхьэ, сощ1эр». Жи1энущ: «Дунейм Сэ ахэр пхущ1эсхъумат, нобэ ахэр пхузогъэгъур». Иужьк1э псапэхэм я тхылъыр иратынущ. Ауэ джаурхэмрэ фэрыщ1хэмрэ къигъэщ1ауэ хъуам я пащхьэм еджэнухэщ жа1эу: «Мыхэращ Алыхьыр пц1ыуэ зылъытахэр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[1].
- Къемэт махуэм ц1ыхухэм иратыну упщ1эхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уэ зыхыумыщ1ык1ым ухэмы1эбэ: уи тхьэк1умэри, уи нэри, уигури щыхьэту къагъэувыжынущ». (Аль-Исра1: 36).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «А махуэм къэджэнущи къаупщ1ынущ: «Дэнэ щы1э гъусэ къысхуэфщ1у щытахэр?». (Аль-Къэсэс: 62).
3 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А махуэм къэджэнущи къаупщ1ынущ: «Сыт фэ л1ык1уэхэм къажеф1эжар?». (Аль-Къэсэс: 65).
4 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Аращи уи Тхьэмк1э со1уэ, ахэм псоми саупщ1ыжынущ ящ1ахэмк1э». (Аль-Хьиджр: 92-93).
5 – Алыхьым жи1ащ: «Фи псалъэм фемыпц1ыж, абык1э жэуап фхьынущ». (Аль-Исра1: 34).
6 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ае, а Махуэм дунейм ф1ыгъуэу фи1ахэмк1и къывэупщ1ыжынущ». (Ат-Тэкасур: 8).
7 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Дэ жэуап къе1ытхынущ л1ык1уэхэми, жэуап къе1ытхынущ ахэр зыхуэдгъэк1уахэми. Дыщыгъуазэу яжет1эжынущ абыхэм (ящ1а псори), Дэ датеплъэкъук1акъым». (Аль-1эгьраф: 6-7).
8 Абу Бэрзэ Аль-1эслэмий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Ц1ыхум и лъакъуэхэр тек1уэтынукъым Къемэт махуэм къемыупщ1хэу и гъащ1эр зэригъэк1уам, и щ1эныгъэр зырихьэл1ам, и мылъкур къыздырихамрэ здихьамрэ, и 1эпкълъэпкъыр къызэригъэсэбэпам». Ат-Тирмизирэ Ад-Даримийрэ къа1уэтэжащ[2].
Лъытэныр зэрек1уэк1ынур:
Къемэт махуэм ялъытэнухэм т1ууэ загуэш:
- Лъытэныгъэ псынщ1эу ялъытэнухэр[3].
Гьа1ишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Къемэт махуэм ялъытэнур хэк1уэдак1эщ». Жыс1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, Алыхьым мыпхуэдэу жи1акъэ: «1э ижьым тхылъыр зыратар лъытэныгъэ псынщ1эк1э ялъытэнущ». Жи1ащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Аращ лъытэныгъэ псынщ1эу ялъытэнур, ауэ лъытэныгъэ егъэлеяк1э ялъытэнум Къемэт махуэм хьэзаб къытехуэнущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[4].
- Лъытэныгъэ егъэлеяк1э ялъытэнухэр. Ахэм ц1ык1уи ини ящ1ауэ хъуамк1э яупщ1ынухэщ. Пэжыр жи1эмэ, зэрыщытым хуэдэу ялъытэнущ, ауэ пц1ы иупсмэ е зыгуэр щ1ихъумэну пылъмэ и жьэр мыпсалъэ ящ1ынущи и 1эпкълъэпкъхэр къагъэпсэлъэнущ Алыхьым зэрыжи1ам хуэдэу: «Нобэ я бзэр дубыдынущ, ауэ я 1эхэмрэ я лъэхэмрэ къэпсэлъэнурэ ящ1ахэм щыхьэт къытехъуэнущ». (Ясин: 65).
Ц1ыхухэм щыщу ялъытэнухэр:
- Къемэт махуэм ц1ыху псори ялъытэнущ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, зи гугъу ищ1ахэм мыхъумэ. Мы 1умэтым щыщу мин блыщ1 жэнэтым ихьэнухэщ лъытэншэу ик1и тезырыншэу.
- Къемэт махуэм джаурхэр ялъытэнущи я 1уэхухэр я пащхьэм иралъхьэжынущ ягъэкъуаншэжхэу. Ахэм я хьэзабыр зэщхьэщок1ыр, 1ей нэхъыбэ зыщ1ам и тезырыр нэхъ хьэлъэщ 1ей нэхъ мащ1эу зыщ1ам нэхърэ, ф1ы гуэрэ зыщ1ахэми я тезырыр нэхъ хуегъэпсынщ1эр, ауэ жэнэтым иришэркъым.
- Япэрей дыдэу ялъытэнур Къемэт махуэм Мухьэммэд, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и 1умэтыращ. Япэрейуэ Къемэт махуэм муслъымэным зэреупщ1ынухэр 1уэхугъуэхэм щыщу нэмэзыращ. Ар тэмэм хъуамэ адрей и 1уэхухэри тэмэм хъунущ, ауэ ар 1ей хъуамэ адрей и 1уэхухэри 1ей хъунущ. Япэрей дыдэу ц1ыхухэм я зэхуакум дэлъ 1уэху зи унафэ ящ1ынур лъыщ1эжыращ.
Зэрашэчынур:
Къемэт махуэм ц1ыхухэм я 1уэху 1ейхэмрэ ф1ыхэмрэ яшэчынущ. Зи 1уэхуф1хэр нэхъ хьэлъэр ехъул1ащ, зи 1уэху 1ейхэр нэхъ хьэлъэр хэк1уэдащ. Зыщ1ари, ищ1ари, и тхылъри яшэчыр Алыхьым и захуэныгъэр къигъэлъагъуэу. Нэхъ хьэлъэ дыдэу ц1ыхум и тэрэзэм иралъхьэнур Къемэт махуэм нэмысыф1эныращ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А Махуэм и тэрэзэр пэжынущ: зи псапэ нэхъ хьэлъэр ехъул1ащ, ауэ зи псапэ псынщ1эм езыхэм загъэунэхъужауэ аращ Ди аятхэм екъуэншэк1ати». (Аль-1эгьраф: 8-9).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Къемэт махуэм л1ы инышхуэ, пшэрышхуэм Алыхьым идеж аргъуейм и дамэм хуэдизи хъунукъым и хьэлъагъыр». Ит1анэ жи1ащ: «Фыхуеймэ феджэ: «Дэ абыхэм хьэлъагъэ еттыжынукъым Къемэт махуэм»[5]». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[6].
- Джаурхэм ящ1а 1уэхухэм и унафэр Ахърэтым:
Джаурхэмрэ фэрыщ1хэмрэ я да1уэныгъэмрэ, ящ1а 1уэхухэмрэ къабыл хъунукъым, сыту жып1эмэ ахэм ар къабыл зыщ1 щытык1эр ягъэк1уэдащ, а щытык1эр иманыращ. Абыхэм я 1уэхухэр сахуэ жьыбгъэшхуэ къыщепщэм ирихьэжьэжам хуэдэщ. Ц1ыху псоми я пащхьэм жыра1энущ ахэм: «Мыхэращ я Тхьэм пц1ы тезылъхьахэр».
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым пц1ы тезылъхьэм нэхърэ хэт нэхъ къуаншэ? Ахэр я Тхьэм и пащхьэ ирашэжынурэ щыхьэтхэм жа1энущ: «Мыхэращ я Тхьэм пц1ы тезылъхьар». Алыхьым и нэлатыр къатехуэ залымыгъэ зыщ1эхэм». (Худ: 18).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Я Тхьэр зи ф1эщ мыхъуахэм я 1уэхухэр жьыбгъэшхуэм махуэ жьапщэ 1ейм ихьа сахуэм хуэдэщ. Ящ1ам зыри къахуихьынукъым. Аращ щыуагъэ куур». (Ибрахим: 18).
3 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мэлы1ычхэр щалъэгъуну махуэр гуэныхьыщ1эхэм ядежк1э гуф1эгъуэ хъунукъым, ик1и къыжра1энущ: «(Фи жэнэтыбжэр) гъэбыдащ». Дэ абыхэм 1уэху ящ1ахэр сабэу иткъухьыжынущ». (Аль-Фуркъан: 22-23).
1уэхухэр къызэрагъэлъагъуэнур:
Ц1ыхухэм я 1уэхухэр Къемэт махуэм къагъэлъэгъуэнущ. Ц1ыху къэс я 1уэхухэр ялъагъужынущ къыпэщыту ц1ык1уми инми, дэгъуэми 1ейми Алыхь Лъап1эм абым щхьэк1э зэрыжи1ам хуэдэу: «А Махуэм ц1ыхухэр гуп-гупу къэк1уэнущ ящ1ар ялъагъужын щхьэк1э. Сабэ налъэ хуэдиз ф1ы зыщ1ам ар илъагъужынущ, сабэ налъэ хуэдиз 1ей зыщ1ами ар илъагъужынущ». (Аз-Зэлзэлэ: 6-8).
1уэху зылэжьам хуэфащэр дунейми ахърэтми:
Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Алыхьым зы псапэк1и му1миным лей ирихкъым, дунейм абы хуэфащэр ирет, Ахърэтми хуэфащэ псапэр лъегъэс. Ауэ джаурым Алыхьым и ц1эк1э ф1ыуэ ищ1ахэм хуэфащэр мы дунейм иретыжри, ахърэтым щык1уэжк1э къеухри зы псапи къыхуэнэжкъым хуэфащэу». Муслим къи1уэтэжащ[7].
Къемэт махуэм сабийхэм я унафэр:
Му1минхэм я сабийхэр жэнэтым ихьэнущ балигъхэр зэрихьэм хуэдэу я адэ 1эдэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и сурэтым ещхьхэу. Апхуэдэщ мушрикхэм я сабийхэри. Балигъхэм къызэрашэм хуэдэуи къашэнущ. Дунейм зыгуэр къэмышэу е дэмык1уэу ехыжамэ ц1ыхухъуи ар ирехъу, ц1ыхубзи ирехъу, Ахърэтым къишэнущ е дэк1уэнущ, сыту жып1эмэ, жэнэтым къэмышэрэ дэмык1уэрэ щы1экъым.